5 Абыхэм я щхъухьыр блэ щхъухьым хуэдэщ, ущхъухьэкӀуэм и уэрэди,
Сыту атӀэ уащӀэдэмыщӀэу унэхъуа ахэр – щыӀэжкъым, шынагъуэшхуэм екӀуэдылӀащ!
Тхьэм хуэщыпкъэр, Тхьэм зэригъэпшынэр щилъагъукӀэ, къэгуфӀэнщ; цӀыху бзаджэм илъкӀэ итхьэщӀынщ абы и лъакъуэхэр.
Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хурещӀ; сыту жыпӀэмэ Абы и цӀэр псом нэхърэ нэхъ лъагэу Ӏэтащ. Абы щӀыхьу иӀэр щӀылъэми уафэми щыӀэ псоми я нэхъ инщ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Гитит пшынэ дыкъуакъуэхэмкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд
Танэжь куэдым сыкъаувыхьащ; Башан и танэжь лъэщ куэдым сыкъаухъуреихьауэ,
И унэ лъапӀэм Тхьэм щыжиӀащ: «ФыгуфӀэ, Шихэм згуэшынщ, Суккот кӀейри тезгуэшэнщ.
Ди щыуагъэхэр хьэлъащэ къытхуэхъумэ, ахэр Уэ къытхуэгъэгъу.