2 ГущӀэгъу къысхуэщӀ, ди Тхьэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ; си псэм щхьэегъэзыпӀэ зыщигъуэтыр уи дежщ, сызыхэт тхьэмыщкӀагъэр сщхьэщыкӀыху, сэ Уэ уи дамэм я щӀагъ сыщӀэтынщ.
Хьэуэ, щывохъумэ фэ фигухэм мызахуагъэр хабзэншагъэр фи ӀэхэмкӀи яхувогуэщ.
Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэзыгъэлъагъуэ жин бзаджэщ ахэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и махуэшхуэм щыгъуэ зэуэну, дуней псом я пащтыхьхэм я деж кӀуэурэ, ахэр зэхуашэс.
Псалъэ пагэхэр къажьэдокӀ; бзаджащӀэ псоми зафӀэлъэщщ.
Зиусхьэным тепщэныгъэр иӀыгъщ; тепщэныгъэшхуэр и фащэщ Зиусхьэным, лъэкӀыныгъэ иныр и Ӏэрылъщ, дунеишхуэр быдэу игъэуващ, ар и щӀыпӀэ зыми иригъэкӀынкъым.
Щэбэт махуэм жаӀэ уэрэд
Си гур къокӀэзызыкӀ, сыӀэщӀэхуащ ажал шынагъуэшхуэм.
Пшынауэхэмрэ уэрэдыӀуэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Зиусхьэным хуэӀурыщӀэ Даут и уэрэд
Уи щӀыхьыр сӀуэтэнущ, Зиусхьэн, гууэ сиӀэмкӀэ; уи ӀэщӀагъэ гъэщӀэгъуэнхэр псори сӀуэтэнущ;
Езым и къуэ Абшалом къыщыӀэщӀэкӀыжам щыгъуэ. Даут иуса уэрэд
Гукъеуэшхуэм сызэлъищтауэ, а Ӏуэхухэр сигу къызогъэкӀыж, сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏувым сащӀыгъуу, махуэшхуэ зиӀэ цӀыхум я гуфӀэгъуэрэ я щытхъу макъымрэ сыхэту сэ сихьащ Тхьэм и унэшхуэм.