6 Сошынэ сэ, сокӀэзыз, шынагъуэшхуэм сызыӀэщӀиубыдащ.
Зиусхьэным щӀыхь хуэщӀ, Ерусалим; щӀыхь хуэщӀ, Цион, уи Тхьэм.
Абы и гужьгъэжьыр езым и щхьэм къылъосыж, и бзаджагъэр и щхьэм къытохуэж.
Зиусхьэным тепщэныгъэр иӀыгъщ; тепщэныгъэшхуэр и фащэщ Зиусхьэным, лъэкӀыныгъэ иныр и Ӏэрылъщ, дунеишхуэр быдэу игъэуващ, ар и щӀыпӀэ зыми иригъэкӀынкъым.
Танэжь куэдым сыкъаувыхьащ; Башан и танэжь лъэщ куэдым сыкъаухъуреихьауэ,
сыкъызэребгъэлым и гуфӀэгъуэр къыслъреӀэс, гу хьэзыр сиӀэну сыгъэбыдэ.
ГупцӀэнагъэу сиӀэмкӀэ Уэ щӀыхь пхуэсщӀынщ, уи хьэкум и щыпкъагъэм сригъуазэурэ.