5 Си гур къокӀэзызыкӀ, сыӀэщӀэхуащ ажал шынагъуэшхуэм.
КъэкӀыгъэхэр я хэхъуэгъуэ пӀалъэм зэрызэхэкӀыжым хуэдэу ди къуэхэр ирехъу, ди пхъухэр – пщы сэрейхэм щӀэт пкъо ишахэм хуэдэ.
А къалэр фэ къызэрыфкӀэлъызекӀуам хуэдэу фэ фыкӀэлъызекӀуэж. Абы Ӏуэху бзаджэу ищӀам хуэдитӀ ефщӀэж. Фи фалъэм къыфхуригъэхъуа фадэм и дыджыгъэм хуэдитӀ фадэ дыдж и фалъэм хуивгъэхъуэж.
ГъуаплъащӀэ Александр леишхуэ къызихащ. Зиусхьэным абы и Ӏуэхухэм яхуэфащэр иригъэпшыныжынщ.
Зиусхьэным гухэлъу къысхуиӀэр къысхуищӀэнщ, мыкӀуэдыжын уи лъагъуныгъэр щыӀэнщ игъащӀэкӀэ, Зиусхьэн, Уэ къэбгъэхъуа лъэпкъыр гум иумыгъэху.
Ауэ сэ, лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэпщӀащи, сыкъихьэнщ Уи унэ, сыпфӀэлӀыкӀыу уи унэшхуэ лъапӀэм ущызгъэлъэпӀэнщ.
Сыкъэзыхъумэ абрэмывэу Зиусхьэным щӀыхь хузощӀ, си Ӏэхэр – зауэм, си Ӏэпхъуамбэхэр – бэнэныгъэм хуэзыгъасэм;