Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 54:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 бий макъыу зэхэсхым, цӀыху бзаджэм егъэзыгъэ сызэращӀым; сыту жыпӀэмэ абыхэм къиным сыхадзэ, губжьым хэту сэ сагъэбий.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 54:4
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, гушхуэныгъэкӀэ жыдоӀэ: «Зиусхьэныр си дэӀэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым. ЦӀыхухэм сыт къызащӀэфынур?»


Си макъкӀэ сӀуатэ зэпытщ Уэ уи жьэ къыжьэдэкӀа хьэкумхэр.


А псом яужкӀэ, иджыри сыт жытӀэнур? Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкӀынур?


Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щытхъу хуэсщӀынщ ыджыри, – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд Зиусхьэным и ӀурыщӀэ Даут, Зиусхьэным ар Шаули адрей и бий псоми емыкӀуэдылӀэну щащихъумэм, Зиусхьэным хуэкӀуэу мы уэрэдым хэлъ псалъэхэр мыпхуэдэу жиӀащ:


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ