6 Шынагъуэшхуэм зэлъиубыдынщ – зи хуэдэ къэмыхъуа шынагъуэм; уэ къыппэщӀэувэхэм я къупщхьэхэр Тхьэм ирикъухьынщ. ЕмыкӀу къебгъэхьынщ абыхэм, сыту жыпӀэмэ Тхьэм ӀэщӀыб ищӀащи.
Зиусхьэным ар къихъумэнщ, псэууэ къигъэнэнщ. ЩӀыгум ар щынасыпыфӀэнщ. И бийхэм я Ӏэ ирилъхьэнкъым ар.
А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».
Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».
псыхэр Ӏэгу хуреуэ; гуфӀэгъуэшхуэм хэту бгыхэм уэрэд жрыраӀэ
ЩӀыгум и къуапэхэм щыпсэу цӀыхухэм ягъэщӀагъуэ уи Ӏуэху лъэщхэр. Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀи дыгъэ къухьэпӀэмкӀи гуфӀэгъуэ макъышхуэ щыбогъэӀу.
Зиусхьэным деж къокӀ си дэӀэпыкъуэгъур – уафэмрэ щӀылъэмрэ къэзыгъэщӀам деж.