Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 51:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 ФӀым нэхъ бзаджагъэр уигу нэхъ ирохь, пэж пӀуэтэным нэхърэ пцӀыр уэ нэхъ къыбощтэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 51:5
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкӀар зы цӀыхущ. Гуэныхьым щӀыгъуу лӀэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цӀыху псоми гуэныхь зэращӀам щхьэкӀэ лӀэныгъэр я Ӏыхьэ хъуащ.


СаӀэщӀэхыж бзаджащӀэхэм; лъым щӀэнэцӀхэм саӀэщӀэхыж.


Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.


ЦӀыхум къыхуэхъур цӀыхущ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀ цӀыхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхущ.


Ӏэдэм, илъэсищэрэ щэщӀкӀэ псэуауэ, къыхуэхъуащ къуэ, езым и теплъэ иӀэу, езым ещхьу, цӀэуэ фӀищащ абы: Щэт.


КъыщӀихьащ Зиусхьэным псэм фӀэфӀ мэ дахэр, икӀи жиӀащ Зиусхьэным игукӀэ: – ЦӀыхум и зэранкӀэ афӀэкӀа зэи щӀылъэм нэлат есхыжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и мурадхэр абы и ныбжьыщӀагъэм къыщыщӀэдзауэ Ӏейуэ щытщи; афӀэкӀа зэи псэ зыпыт згъэкӀуэдыжынукъым, Сэ зэ зэрысщӀыгъам хуэдэу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ