2 Эдом щыщ Доиг къакӀуэу, Ахимэлэх и унэм Даут къызэрихьэгъам и хъыбар Шаул къыщыхуихьым, Даут иусащ.
Абы папщӀэ узэхикъутэнщ уэ Тхьэм, уричынщ, уи унэ урихунщ, псэ зиӀэу цӀыгум тетхэм яхигъэкӀуэдыкӀыжынщ уи лъапсэр.
Хьисэ Мэссихьщ щыхьэт пэжыр, япэу лӀахэм къахэтэжыкӀыжар арщ, щӀылъэм тет пащтыхьхэм я пашэр аращ. Абы фӀыуэ делъагъу, и лъыр жорым зэрыщыщӀэкӀам щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщихыжащ.
Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.
Иджы сыт зыщӀэбгъэгувэр? Къэтэдж, зызгъэумэхъ, Зиусхьэным елъэӀуи, гуэныхьу пщӀахэр абы уи гум ирырегъэкъэбзыкӀыж».
– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.
Уэ Зиусхьэн, апхуэдэу щыхъукӀэ, си лъакъуэхэм я мызакъуэу, си Ӏэхэри схуэтхьэщӀ, си щхьэри схуэхущӀ, – къыжриӀащ Симон Петр.