1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и усыгъэ
Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ.
«Мыращ Тхьэр щхьэегъэзыпӀэ зымыщӀу, и мылъкум щыгугъыу, и бзаджагъэр щхьэегъэзыпӀэ зыхуэзыщӀыжа цӀыхур».
Унафэхэри дэщӀыгъуу, ди щӀыхуэхэр зэрыт тхылъым и лъэкӀыныгъэр Тхьэм игъэкӀуэдащ. А тхылъыр къытпэуващ, ауэ Тхьэм ар Мэссихь и жорым ириӀулӀри, лъэныкъуэ иригъэзащ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. ШыкӀэ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд
Ауэ, Уэ Зиусхьэн, гущӀэгъу къысхуэщӀ, сыкъызэфӀэгъэувэжи, абыхэм яхуэфащэр ялъызгъэсынщ.
ПцӀы зыупсхэр уогъэкӀуэд Уэ; лъыгъажэмрэ хьилагъэмрэ Зиусхьэным нэмыплъ ярет.
Иришэжащ ахэр гъуэгу занщӀэкӀэ зыщыпсэуну къалэм кӀуэну.
Яхуосакъ хэхэсхэм Зиусхьэныр, фызабэм, зеиншэм доӀэпыкъу; ауэ цӀыху бзаджэхэм я гъуэгу кӀуэдыпӀэм хуегъазэ.
Эфраим дзэлӀхэр шабзэкӀэ зэщӀэузэдауэ, зауэ махуэм къикӀуэтащ.