6 Уэ зырщ, Уэ зыращ гуэныхь зэзлэжьылӀар, мыхъуну Уэ плъытэр сэ зэспэсыжащ, Уэ къыстеплъхьар захуагъэщ, сыт къысхуэжыпӀэми захуагъэщ, сыщыбгъэмысэкӀи ухейщ.
Сыринэм, бжьамийм я макъыр щӀыгъуу, пащтыхьу Зиусхьэным гуфӀэ макъ хуэфӀэт.
Сыту жыпӀэмэ илъэс минхэр УэркӀэ дыгъуасэ блэкӀа махуэми, жэщым хэт къэрэгъулми хуэдэщ.
Уэ уащыхуэгубжьым, Екъуб и Тхьэ, шыри шым тесри хэщӀащ.
ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ. Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр абы игъэкъуэншащ. Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».
Езыхэм ятӀа мащэм хамэ лъэпкъхэр ихуэжащ; щэхуу ягъэува хъым я лъакъуэхэр илъэхъэжащ.
Уэ уи ерыщыгъэкӀи уигукӀэ уи гуэныхьхэм узэрахущӀемыгъуэжым щхьэкӀи Тхьэм и губжьымрэ и хьэкум захуэмрэ къыщылъэгъуэну махуэм деж Тхьэм губжьу къыптрилъхьэнум хыбогъахъуэ.
Дауэ хъун Уэ ар пщӀэну, щыпкъагъэ зиӀэри зимыӀэри зэдэбгъэкӀуэдыну, щыпкъагъэ зимыӀэм къыщыщӀыр щыпкъагъэ зиӀэм къехъулӀэу; дауэ хъун Уэ ар къыббгъэдэкӀыу! ЩӀылъэ псом и хеящӀэм дауэ лей зэрихьэн?
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псоми Мэссихь хьэкум къыттрищӀыхьын щхьэкӀэ абы и тахътэм и пащхьэ диувэн хуейщ, мы дунейм хэти щилэжьам хуэфащэр, фӀыми Ӏейми, игъуэтыжын папщӀэ.