3 Лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжу пхэлъымкӀэ, ди Тхьэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ, си хабзэншагъэхэр схуэгъэкӀуэд уи гущӀэгъуныгъэкӀэ.
Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.
Мы Ӏуэхухэм щыхьэт техъуэм жеӀэ: «Аращ, куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ». Ӏэмин. КъэкӀуэж, Зиусхьэн Хьисэ!
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Тхьэр псори зыс мафӀэщ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Гъитиг пшынэдыкъуакъуэкӀэ дежьууэ. Корах и къуэхэм я уэрэд
Уэ уощӀэ сызэраубыр, си напэ зэрытрахыр, ауан сызэращӀыр; си бийхэр псори уи пащхьэ итщ.
Абы щыгъуэ Уи гуапэ хъунщ щыпкъагъэкӀэ пхуащӀ къурмэнхэр, зэрыпсэууэ ягъэс къурмэнхэр, Абы щыгъуэ къытралъхьэнщ уи къурмэнщӀыпӀэм танэхэр.
Мыращ зи щхьэ щыгугъыжым къехъулӀэнур, Ӏыхьэу яӀэмкӀэ зыхуэарэзыжхэм кӀэух яхуэхъунур:
Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.