18 Сыту жыпӀэмэ Уэ къурмэн ухуейкъым – сэ къурмэн пхуэсщӀынт, къурмэн гъэсынми уигу хуэкӀуэркъым.
Зиусхьэным хуэлэжьэну цӀыху гуэр бгъэувын папщӀэ, уи Ӏэхэр и щхьэм теплъхьэным ухуемыпӀэщӀэкӀ. НэгъуэщӀхэм я гуэныхьхэм уи Ӏыхьэ яхэлъ умыщӀ. Гукъабзагъэ сыт щыгъуи зигъэӀэ.
А цӀыхухэр Тхьэм и хьэкум захуэм – апхуэдэ Ӏуэхухэр зыщӀэхэм укӀ зэрахуэфащэм – щыгъуазэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, езыхэм апхуэдэ Ӏуэхухэр зэращӀэм и мызакъуэу, а Ӏуэхухэр зылэжьхэр ягъэзахуэ.
Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.
Апхуэдэу щыт пэтми, «Ди адэжьхэм я зэманым дыпсэуатэмэ, абыхэм бегъымбархэм я лъыр щагъажэм, гъусэ дахуэхъунтэкъым», жывоӀэ.