5 Уэ мызахуагъэр фӀыуэ зымылъагъу Тхьэуэ узэрыщытым щхьэкӀэ; бзаджагъэм лъэкӀынкъым уи гъусэн.
мыпхуэдэу жызыӀэхэр: «Ди бзэгум хэлъщ ди гуащӀэ, ди лъэкӀыныгъэр – ди жьэр; хэт ди зиусхьэныр?»
Абы къыхэкӀкӀэ цӀыху бзаджэхэр Тхьэм и хьэкумым хей щыхъунукъым. Тхьэм хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэм увыпӀэ щаӀэнукъым гуэныхьыщӀэхэм.
– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.
Ауэ сэ абыхэм занщӀэу яжесӀэнущ: «Сэ зэи фысцӀыхуакъым. Си пащхьэм фикӀ фэ бзаджащӀэхэр».
Шабзэшэ псынщӀэхэр, джатэр, мэӀур, къинэмыщӀ Ӏэщэхэр Абы щикъутащ абдежым.
Иджы щегъэжьауэ игъащӀэкӀэ Израилыр щрегугъ Зиусхьэным.
«Гурымыкъыу фыщымыт, фи адэжьхэм Мэрыбэ деж, Массэ губгъуэ нэщӀым деж зэрыщащӀэгъам хуэдэу.
Зиусхьэн! Хэт Уэ уи унэ – чэтэн унэ лъапӀэм исыну зыхуэфащэр? Хэт уи Ӏуащхьэ лъапӀэм тесыну зэппэсыр?
ЛӀэщӀыгъуэбэ зи ныбжь къутахуэхэм нэхъ благъэу екӀуалӀэ: уи унэшхуэм и кӀуэцӀ псори зэхикъутащ бийм.
Хабзэхэр зэхэкъутамэ, щыпкъагъэ зигу илъым ищӀэн лъэкӀынур сыт?