11 Я къуаншагъэм ирехьыж ахэр, си Тхьэ, я гухэлъ бзаджэхэм трекӀуэдэж; гуэныхьу ящӀар бэщ, зыкъыпхуаӀэтащи, уи пащхьэ иумыгъэт ахэр.
Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.
Шэд куум сыхэнащ сэ, сызытеувэни симыӀэу, архъуанэм сизэрыхьащ сэ, срехьэжьэ псыдзэшхуэм.
И щыпкъагъэ гъэунэхуа хъумэ, теубыдагъэ зиӀэр гъуэгу махуэ теуващ, абы и щыпкъагъэр гъэунэхуа хъуа нэужь, езыр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа мыкӀуэдыжын гъащӀэр тажэм хуэдэу Тхьэм а цӀыхум къритынущи.
Ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Зы ни илъэгъуакъым, зы тхьэкӀуми зэхихакъым, зы цӀыхуи игу къэкӀакъым Тхьэм езыр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм яхуигъэхьэзырар».
А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».
Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.
Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.
Къурмэн гъэсынхэр сщӀыну, уи унэшхуэм сынихьэнщ, псалъэу уэстар згъэпэжынщ –
Уэращ гуащӀэ къызэзытыр; Уэращ сызэплъынур, сыту жыпӀэмэ Уэ, ди Тхьэ, быдапӀэу узиӀэщ.