9 Уи унэ къикӀа тани уи пщӀантӀэ къыдэкӀа ажи Сэ сыхуэныкъуэкъым.
Абыхэм ягухэр гущӀэгъу щӀыным хузэхуэщӀащ, жьэхъуу мэпсалъэ ахэр.
Аращи, Даут къэхъунур ищӀэрти, Мэссихь къытепсэлъыхьу, «Тхьэм абы и хьэдэр хьэдрыхэ къыщинэнукъым» икӀи «абы и хьэдэр игъэфынукъым» щыжиӀэм, зи гугъу ищӀар Мэссихь лӀахэм къахэтэджыкӀыжыну зэрыщытарщ.
Сыту жыпӀэмэ си псэр хьэдрыхэ къыщыбнэнукъым. Уэ уи ӀурыщӀэ цӀыху лъапӀэм и хьэдэр бгъэфынукъым.
Уэрэд ЛъапӀэхэм ит етӀуанэ уэрэдым Тхьэм Хьисэ къызэрыщыжриӀэм хуэдэу: «Уэращ си Къуэр, нобэ адэ сыпхуэхъуащ».