Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 49:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Сэ сощӀэ: бгым щызелъатэ бзу псори, губгъуэм ис псэущхьэ псори сысейщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 49:11
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Къаин екӀуэлӀащ и фызым, ар лъэщыджэ хъури, Хъанох къилъхуащ. Къаин иухуащ къалэ; къалэм фӀищащ езым и къуэм и цӀэр: Хъанох.


Ӏуэхушхуэ щӀагъуэхэмкӀэ укъытпогъуэкӀ, текӀуэныгъэ къыдыбогъэхь, ди Тхьэ, ди КъегъэлакӀуэ, щӀыгум и къуапэ псоми щыпсэу цӀыхухэри, хы жыжьэхэм тетри Уэ къыпщогугъ.


Зиусхьэн! Си бийхэм ягу хэбгъэщӀу, уи щыпкъагъэм и гъуэгукӀэ сызешэ. Уи гъуэгур занщӀэ къысхуэщӀ.


МафӀэлыгъэри тхъуэбзащхъуэри, уэшхыр къызэрешхым хуэдэу, Абы цӀыху бзаджэхэм къахуригъэхынущ, узылыгъуэ жьыбгъэ пщтырыр Ӏыхьэу яхуегъэфащэ Зиусхьэным.


Аращи, бзаджагъэу блэжьам хущӀегъуэжи, Тхьэм елъэӀу. Мыхъун мураду уиӀэр Тхьэм къыпхуигъэгъункӀи хъунщ;


– Фэ, фарисейхэм, фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, – жриӀащ Зиусхьэным абы, – ауэ нэпсеягъэрэ бзаджагъэрэ фӀэкӀа, зыри фкӀуэцӀылъкъым.


Ухуеякъым къурмэн тыгъэ лъапӀи; си тхьэкӀумэхэм зэхахын ялъэкӀыну пщӀащ Уэ; гуэныхьхэм папщӀэ жьэрымэ згъэунуи къурмэн сщӀынуи Уэ укъыщӀэдэуакъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ