10 Сэ сысейщ хьэкӀэкхъуэкӀэ псори, бгы минхэм ит былымхэри.
– Ауэ Тхьэм абы къыжриӀащ: «Уэ уцӀыху акъылыншэщ! Мы жэщ дыдэм уи псэр хэсхынущ. Мы бгъэтӀылъахэр хэт къызыхуэнэжынур?»
Зиусхьэну си Тхьэ, уи Ӏуэху гъэщӀэгъуэнхэри, дэркӀэ уи гухэлъхэри бэщ; хэт хъун Уэр хуэдэ! Абыхэм я хъыбар цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн сфӀэигъуэщ, ауэ гъунэншэщ я бжыгъэр.
ЦӀыху псори зэ лӀэжын хуейщ, итӀанэ Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьынущ.
«Гурымыкъыу фыщымыт, фи адэжьхэм Мэрыбэ деж, Массэ губгъуэ нэщӀым деж зэрыщащӀэгъам хуэдэу.
Зыкъэужьи, ди Тхьэ, хъумэ уи Ӏуэхухэр, цӀыху акъылыншэхэм махуэ къэс узэраубыр уигу къэгъэкӀыж;
Си ущиехэм нэмыплъ епту, си псалъэхэм зыщыбодзей.
Къыщыгъуэгъуащ Зиусхьэныр уафэгум, Псоми я нэхъ Лъагэм и макъ къигъэӀуащ.