Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 49:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Къопсалъэ ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэу Тхьэуэ Зиусхьэныр щӀыгум и цӀыхухэм къоджэ дыгъэ къуэкӀыпӀэм щегъэжьауэ къухьапӀэм нэсу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 49:1
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ди Тхьэ! Хамэ лъэпкъхэр уи щӀыгу къихьащ, уи унэшхуэ лъапӀэр яуцӀэпӀри, Ерусалим зэхакъутащ;


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ГъэпщкӀуауэ щыт мэнн шхыныгъуэм щыщ естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. ЦӀэщӀэ зытетха мывэ хужьри естынущ. А мывэр зэст цӀыхум фӀэкӀа а цӀэр зыми ищӀэркъым.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. Тхьэм и жэнэтым ит жыгыу цӀыхухэм гъащӀэ къезытым къыпыкӀэм щыщ ишхыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр.


Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ, я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ».


Тхьэр журтхэм я закъуэ зи Тхьэр, е нэгъуэщӀ лъэпкъхэми я Тхьэуи щыт? НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я Тхьэуи щытщ.


ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр къехъумэ Абы и мелыӀычым, яхешыж къиныгъэу яӀэм.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ЕтӀуанэ лӀэныгъэм и ягъэ иригъэкӀынукъым текӀуэныгъэр къэзыхьым.


Хьисэ щӀигъужащ итӀанэ: – ТхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


Щыхьэт нэпцӀхэр къыспэуващ сэ: сызыщымыгъуазэхэмкӀэ сагъэкъуаншэ.


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд. Уэрэд


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм папщӀэ. Уэрэд


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд


Уэ, си Тхьэ, си Ӏуэху къызэхэху, фӀэлӀыкӀ къыпхузимыӀэ цӀыху лъэпкъым сыщыпхъумэурэ, сызэрыхейр ӀупщӀ щӀы. Хьилагъэ зезыхьэ цӀыхухэм, мызахуэхэм саӀэщӀэхыж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ