11 Хэти елъагъу акъылыфӀэхэри зэрылӀэр; ахьмакъхэри акъылыншэхэри зэрылӀэу, я мылъкур нэгъуэщӀым къыхуонэ.
псыхэр Ӏэгу хуреуэ; гуфӀэгъуэшхуэм хэту бгыхэм уэрэд жрыраӀэ
А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».
Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».
Абыхэм захуигъазэри, Хьисэ яжриӀащ: – Ерусалим цӀыхубзхэ! Сэр щхьэкӀэ фымыгъ, ауэ фи щхьэмрэ фи бынхэмрэ щхьэкӀэ фыгъ;
Уэращ гуащӀэ къызэзытыр; Уэращ сызэплъынур, сыту жыпӀэмэ Уэ, ди Тхьэ, быдапӀэу узиӀэщ.