10 игъащӀэкӀэ псэуну, хьэдрыхэ имылъагъуну.
Къилъагъури хыр, ежэжьащ; Иордан псыри зэщӀэкӀуэжащ.
Уафэр зэӀухауэ слъэгъуащ итӀанэ. Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ гуэр къэлъэгъуащ. Шым тесым «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узыщыгугъ хъункӀэ» еджэу жаӀэ. Хьэкум щыпкъагъэкӀэ ещӀэ икӀи мэзауэ.
ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ. Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр абы игъэкъуэншащ. Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».
Арэзыныгъэ фигу илъу, Абы и къалэбжэм, и пщӀантӀэхэм, щӀыхь хуэфщӀурэ, фыдыхьэ. ЩӀыхь хуэфщӀ Абы, Абы и цӀэр фӀэт!
ЦӀыху лъэпкъхэр зэрызехьэ хъуащ; пащтыхьыгъуэхэр зэщӀохъае. Псом я Нэхъ Лъагэм и макъ къэӀуащ, щӀыгур мэткӀу.
Зиусхьэным и псалъэхэр псалъэ къабзэщ, кӀыщ мафӀэм блэнейрэ щагъэткӀуу щагъэкъэбза дыжьыным хуэдэщ.