9 ФыкъакӀуи, зэвгъэлъагъу Зиусхьэным и Ӏуэхухэр – Ӏуэху щӀагъуэу щӀыгум щилэжьахэр.
Иужьрей гугъуехьышхуиблыр зэрыт фалъиблыр зыӀыгъа мелыӀычиблым я зыр къакӀуэри, къызжиӀащ: – Моуэ къакӀуэ, Щынэм и нысащӀэ хъунур уэзгъэлъагъунущ.
Къалэшхуэ лъапӀэу ЕрусалимыщӀэр Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. НысащӀэ хъунум щауэм зэрызыхуигъэщӀэращӀэм хуэдэу, зигъэхьэзырат абы.
ДывгъэгуфӀэ икӀи дывгъэтхъэж, щӀыхьышхуэри хуэдвгъэщӀ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Щынэм и къэшэгъуэр къэсащ, нысащӀэ хъунум зегъэхьэзыр.
НысащӀэр зейр щауэр арщ. Ауэ щауэм и гъусэу абдежым щыту щауэм и макъыр зэхэзыхыр мэгуфӀэ. А гуфӀэгъуэ нэсыр сэри си гуфӀэгъуэщ.
Абы и нэхум щызекӀуэнущ лъэпкъхэр. Дунейм и пащтыхьхэм я щӀыхьышхуэр а къалэм къыдахьэнущ.
Аращи, цӀыхухэм абыхэм зыхуагъазэ, зэрагъэмысэни ягъуэтыркъым.