2 ДэркӀэ щхьэегъэзыпӀэщ, гуащӀэ къыдэзытыр Тхьэращ, гугъуехьхэр къытщӀэзэрыхьмэ, Ар гъэунэхуауэ ди дэӀэпыкъуэгъущ.
ЦӀыхухэм хуабжьу ягу ирихьащ Хьисэ, абы и псалъэ дахэхэри ягъэщӀэгъуащ. – Исуф и къуэр аракъэ мыр? – жаӀащ.
Мыпхуэдэ дин пашэшхуэщ дызыхуэныкъуэр: и гур къабзэу, зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыӀэу, гуэныхь зыщӀэхэм яхэкӀыжауэ, уафэхэм я щыгу дэкӀуеижауэ.
– А лӀыр къызэрыпсалъэм хуэдэу, зы цӀыхуи игъащӀэм псэлъакъым, – жаӀащ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.
ахэр Уэ къоджати, псэууэ къэнэжащ; Уэ къыпщыгугъырти, щӀебгъэгъуэжакъым ахэр.
А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.
Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ.