11 «Фыкъэувурэ, Сэ сызэры – Тхьэр зэвгъащӀэ: цӀыху лъэпкъхэми сагъэлъапӀэ, сыщагъэлъапӀэ щӀыгуми».
ЩӀыхьымрэ лъытэныгъэшхуэмрэ Абы и пащхьэщ, лъэкӀыныгъэмрэ дахагъэмрэ Абы и унэшхуэм щыӀэщ.
Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ щӀыхь хуащӀу, ахэр лъэгуажьэмыщхьэу тӀысащ. ГуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, Ерусалим ягъэзэжащ итӀанэ.
Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун
Тхьэр абы и гупсэщ; щэнэуэнкъым а къалэр Нэхущыгъуэм Тхьэр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэхъунущ.
Мэссихьи лӀэщ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжри къэпсэужащ. КъыщӀэпсэужар псэухэмрэ лӀахэмрэ я Зиусхьэн хъуну аращ.
Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.
– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.
Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.