3 Хамэ лъэпкъхэр ипхуащ уи ӀэкӀэ, абыхэм я хэкум ди адэжьхэр ибгъэтӀысхьащ; хамэ лъэпкъхэр бгъэунэхъуащ, ауэ ди адэжьхэр бгъэунащ.
Сыту жыпӀэмэ лъапсэншэ хъунущ цӀыху бзаджэхэр, Зиусхьэным щыгугъхэм ӀыхьэфӀ яхуэхъунущ щӀыгур.
МыкӀуэдыжын гъащӀэ хэлъащ а Псалъэм, а гъащӀэри цӀыхухэм нэху яхуэхъуащ.
Уэ, пащтыхьхэм текӀуэныгъэр езытым, уи ӀурыщӀэ Даут къезыгъэлам;
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ Корах и къуэхэм я уэрэд
Ауэ, Уэ Зиусхьэн, гущӀэгъу къысхуэщӀ, сыкъызэфӀэгъэувэжи, абыхэм яхуэфащэр ялъызгъэсынщ.
Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.
Хьэуэ, щывохъумэ фэ фигухэм мызахуагъэр хабзэншагъэр фи ӀэхэмкӀи яхувогуэщ.
Ауэ Уэращ, Зиусхьэн, мэӀуу сыкъэзыхъумэр, текӀуэныгъэр сэзыгъэгъуэту, си щхьэр лъагэу сэзыгъэӀэтыр.
ЦӀыху лъэпкъхэр ди Ӏэ кърилъхьащ, лъэпкъ цӀыкӀухэр ди лъэгу къыщӀигъэуващ.
СекӀуэлӀэнщ Тхьэм и къурмэнщӀыпӀэм, Тхьэуэ лъэщу сызыгъэгуфӀэм деж; Уэ, си Тхьэ, уи щытхъур шыкӀэ пшынэмкӀэ згъэӀунщ.
«Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым тепщэныгъэр щиӀыгъыну си пащтыхьыр тезгъэуващ».
Къыщалъхуам щегъэжьауэ, цӀыху бзаджэхэр мэгъуащэ; анэм и ныбэ къыщикӀам щегъэжьауэ, пцӀы яупс, щоуэ.