5 Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
СызэфӀэщӀауэ, сиӀу егъэзыхауэ сыщылъщ, махуэ псом сотхьэусыхэ.
Тхьэ закъуэращ си псэм гупсэхугъуэ зригъуэтылӀэр; Аращ сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур.
«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».
Тхьэуэ Псом я Нэхъ Лъагэм солъэӀу, и гухэлъ къысхуэзыщӀ Тхьэр.
Уэращ си пащтыхьыр, си Тхьэр! Израил лъэпкъым текӀуэныгъэр къихьыну унафэ щӀы.
Егъэзыгъэ цӀыхухэр залымыгъэкӀэ ягъэпсэухэр яӀэщӀехыж; и цӀыхухэм я псэхэр абы дежкӀэ лъапӀэщ.
Сыту жыпӀэмэ мыкӀуэдыжын уи лъагъуныгъэр уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэщ, уи щыпкъагъэр уафапшэхэм нос.
зэхэтхауэ, дэ зэдгъэщӀауэ, ди адэжьхэм къытхуаӀуэтэжауэ.
ЦӀыхум и къуэхэм уэ уранэхъ дахэщ; уи жьэм фӀыгъуэр къыжьэдокӀ; абы папщӀэ Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуащ игъащӀэкӀэ.
унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.
Абыхэм яжриӀащ: – СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ. Фымыжейуэ, фысакъыу мыбы си гъусэу фыщыӀэ.
Аращ, бжьизым хуэдэу, махуэхэр Уэ къызэптащ, УэркӀэ си гъащӀэр щымыӀагъэххэм хуэдэщ. Щыпкъэ дыдэу, дунейм тет дэтхэнэ цӀыхури зы жьыкъэшэгъуэ къудейщ.