12 Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щытхъу хуэсщӀынщ ыджыри, – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
Сэ жысӀащ: къысщумыгъэдыхьэшх си бийхэр; си лъакъуэхэр щӀэщӀэмэ, абыхэм зыкъысхуагъэпагэ.
– Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.
Ауэ абыхэм Тхьэм ятригъэхуэнщ шабзэшэр; уащӀэдэмыщӀэу иуӀэнщ ахэр.
Ауэ сэ сыщылъэпэрапэм, ахэр гуфӀэурэ зэгухьэжащ; къысщыдыхьэшхыурэ, зэщӀыгъуу саубурэ, фӀеягъэу къысхужаӀэнум гъунэ хуащӀакъым.
КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.
Лъэбакъуэ счыху къэси сыкъаувыхь; я нэхэр къыстрагъэдиящ, щӀыгум сытрадзэну;
Уэ, Зиусхьэн, щхьэегъэзыпӀэ узощӀ, емыкӀу къызремыхь игъащӀэкӀэ, гугъуехьым сыхэшыж уи щыпкъагъэкӀэ.