11 Си къупщхьэхэр зэхагъэщащэ хуэдэ, мыхъунхэр къызжаӀэ си бийхэм, зэпымыууэ сэ къызаӀуэкӀ: «Дэнэ щыӀэ уи Тхьэр?»
Мэссихь жорым щыкӀэрылӀыхьам, жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэ жин бзаджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэхэр яӀихыжащ. Абыхэм зэратекӀуар ӀупщӀу къигъэлъагъуэурэ, я напэхэр трихащ.
Сыгъэунэху, Зиусхьэн, сыуплъэкӀу; си гуи си пси гъэунэху;
«Акъыл уэзгъэщӀэнщ, гъуэгуу узэрыкӀуэнур уэзгъэщӀэнщ, къыбгурызгъэӀуэнщ, си нэӀэ птезгъэтурэ».
Ер зезыхьэ псоми зэхэщӀыкӀ ямыӀэу аращ – щӀакхъуэ зэрашхым хуэдэу, си цӀыху лъэпкъыр зышххэм, Тхьэм емылъэӀухэм.