10 ЖызоӀэ Тхьэм, сыкъэзыхъумэ абрэмывэм: «Сыт щхьэкӀэ сыпщыгъупща? Сэ бийм сригъэзурэ, сигъэнэщхъейуэ сыт щхьэкӀэ сыкъекӀуэкӀрэ?»
«Сэ пащтыхь сахуэхъуну хуэмея си бийхэр къафши, си пащхьэм деж щывукӀ иджы».
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Даут и уэрэд
Сэ къыстепсэлъыхьу, куэдым жаӀэ: «Утыкум ар Тхьэм къринащ».
Ди Тхьэ, псалъэ быдэу уэстар згъэпэжын хуейуэ си хьэкъщ сэ, щӀыхь къурмэнхэр пхуэсщӀынщ.
Сыту жыпӀэмэ Уэ си псэр ажалым щыпхъумащ, сымылъэпэрэпэни сыпщӀащ – гъащӀэ къыдэзыт Тхьэм и пащхьэ нэхум сыщызекӀуэну.