9 ЖаӀэ: зыгъэлӀэн уз къеуэлӀащ абы, ар къэтэджыжынукъым.
Абы Тхьэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Си къуэшхэм уи хъыбар езгъэщӀэнущ. Уи цӀыхухэм я зэхуэсыми сыхэту щӀыхьышхуэ пхуэсщӀынущ».
– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр. «ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ. – Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ.
Абыхэм ягукӀэ бзаджагъэ къагупсыс; махуэ къэс зэщыхьэнхэу, цӀыхухэр зэщӀагъаплъэ.