Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 40:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Силъагъун фӀэигъуэу зыгуэр къысхуэкӀуэмэ, пщӀэ зимыӀэ псалъэ жеӀэ: игу хъыбар Ӏейхэр еӀуатэ, щӀэкӀыжмэ, ар цӀыхум яхуеӀуэтэж.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 40:7
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.


Тхьэм и псалъэ тхахэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ хэвгъуэтэн фи гугъэу, ар фи фӀэщу щӀыводжыкӀ. Аращ сэ щыхьэт къыстехъуэр.


Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.


Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми и гуэныхьхэр Хьисэ и цӀэкӀэ къызэрыхуэгъунумкӀэ бегъымбар псори Хьисэ щыхьэт тохъуэ.


Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


Къыстеутхи иссоп, къабзэ сыхъужынщ, сытхьэщӀи, уэсым нэхъ хужь сыхъужынщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ