6 Ӏей къысхужаӀэ си бийхэм: «Мыр щылӀэнур, и цӀэ щыкӀуэдыжынур дапщэщ?»
«Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъур арщ» – Тхьэм жиӀа а псалъэхэм къригъэкӀыр къывгурыӀуэу щытатэмэ, лажьэ зимыӀэхэр вгъэкъуэншэнтэкъым;
ФыкӀуи, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм къарыкӀыр зэвгъащӀэ: «Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъурщ». Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэну папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.
Аращ Уэ пфӀэигъуэр, цӀыхум игу илъыну щыпкъагъэр, Аращи, акъылыфӀагъэм и щэхухэр сыгъащӀэ.
Пащтыхьыр бэрэ ирепсэу, Щэбэ и дыщэм щыщ абы кърырет! ФылъаӀуэ зэпымыууэ Тхьэм и нэфӀ махуэ енкӀэ абы къыщыхуэну.