4 Узым щиубыдкӀэ, гуащӀэ къритынщ Зиусхьэным. Сымаджэ хъумэ, Абы игъэхъужынщ.
Ажалыр къахурес абыхэм уащхъуэдэмыщхъуэу; сэр папщӀэ щӀауфа хъым езыхэр ирехуэж; ирехуэж абы икӀуэдэну.
Я нэпсхэр къыщӀэжурэ жылэ зысэхэм Ӏурехыж гуфӀэгъуэм хэту.
Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.
НэгъуэщӀ тхьэхэм хуэлажьэхэм гукъеуэ куэд къызыхуахьыж, лъыр зыхэт я къурмэн ядэсщӀынкъым, я тхьэхэм селъэӀункъым, я цӀэхэм я гугъу къэсщӀынкъым.
ЗиусхьэнымкӀэ зыщытхъужынщ гууэ сиӀэр, къызэхахынщи, къэгуфӀэнщ хэутэн ящӀа цӀыхухэр
ПаупщӀа мэкъупӀэр къигъэкӀыжу, уэру къытешхэурэ, щӀыгур зыгъэщӀытэж уэшхым хуэдэ ди пащтыхьыр ирехъу.