3 Зиусхьэным ар къихъумэнщ, псэууэ къигъэнэнщ. ЩӀыгум ар щынасыпыфӀэнщ. И бийхэм я Ӏэ ирилъхьэнкъым ар.
ЗиусхьэнымкӀэ зыщытхъужынщ гууэ сиӀэр, къызэхахынщи, къэгуфӀэнщ хэутэн ящӀа цӀыхухэр
Шынагъуэшхуэм зэлъиубыдынщ – зи хуэдэ къэмыхъуа шынагъуэм; уэ къыппэщӀэувэхэм я къупщхьэхэр Тхьэм ирикъухьынщ. ЕмыкӀу къебгъэхьынщ абыхэм, сыту жыпӀэмэ Тхьэм ӀэщӀыб ищӀащи.
ТӀысыпӀэ лъапӀэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм я пащхьэм уэрэдыщӀэ къыщыжаӀэрт. ЦӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀым фӀэкӀа а уэрэдыр зыми зригъэщӀэн лъэкӀакъым. Мы дунейм и цӀыхухэм ящыщу ахэрщ Щынэм зи щхьэ къищэхужар.
Псоми яхуэфӀщ Зиусхьэныр, Абы къигъэщӀа псоми яхуещӀ гущӀэгъу.
ЩӀэхыу зыкъысхуэгъазэ, Зиусхьэн; си гум хулъэкӀыжыркъым; хьэдрыхэ кӀуэжхэм хуэдэ сымыхъун щхьэкӀэ, уи нэгу сщумыгъэпщкӀу.
Петррэ Иуанрэ хъыбару яӀуатэр зэхэзыхахэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. Абыхэм я бжыгъэр цӀыху минитху хуэдиз хъуащ.
Зиусхьэныр зэрызекӀуэм, абы я нэӀэ и ӀэщӀагъэм теткъыми, зэхикъутэнщи, къигъэщӀыжынкъым ахэр.
ДэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу псынщӀэӀуэу, Зиусхьэн, си КъегъэлакӀуэ!
Я напэ трырекӀ, емыкӀуи кърехь си псэм къещэхэм! Мыгъуагъэ къызэхъулӀэн зыфӀэигъуэхэр я напэ текӀауэ зэщӀрекӀуэж!