14 ЩӀэблэ зэкӀэлъыкӀуэхэм я щытхъур ейщ Зиусхьэным, Израилым и Тхьэм! Ӏэмин, Ӏэмин!
Абы и жьэм къыжьэдэкӀ псалъэхэр бзаджагъэщ, хьилагъэщ; акъылкӀи зекӀуэжыркъым, фӀы илэжьыжыркъым.
Игу ящӀогъу къарууншэхэм, егъэзыгъэ хъуахэм, къулейсызхэм я псэр кърегъэл.
«Сэращ ар» жиӀэу Хьисэ щажриӀэм, ахэр икӀуэтыжри, щӀым зрадзыхащ.
сыгуфӀэнущ, уи хьэтыркӀэ гукъыдэж сиӀэнущ, Уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужысӀэнущ, Уэращ псоми я нэхъ Лъагэр.
Уэ, ди Тхьэ, щхьэегъэзыпӀэ узощӀ, емыкӀу къызомыгъэхь игъащӀэкӀэ!