4 Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ зигу илъыр Езым папщӀэ къызэрыхихар зэвгъащӀэ: сэ сыщеджэкӀэ Зиусхьэным сызэхех.
Фыгубжьми, гуэныхь зыхэлъ фымыщӀэ. Фыгубжьауэ, жэщ зытевмыгъахъуэ.
къэхъуну щӀэблэхэм иджыри къамылъхуа сабийхэм ящӀэнщи, пӀалъэр къэсмэ, дяпэкӀэ къалъхунухэм хуаӀуэтэжынщ абыхэми.
Гухэлъ бзаджэкӀэ зэрогъэгушхуэ; ЗэрогъэӀущ лъахъэхэр ягъэпщкӀуну; жаӀэ: «Хэт зылъагъунур?»
Ибрэхьим игъэлъапӀэ Тхьэм и цӀыху лъэпкъым деж щызэрыугъуеящ цӀыху лъэпкъхэм япщхэр; сыту жыпӀэмэ щӀыгум щынэхъ лъэрыхьхэри Тхьэм и Ӏэ илъщ; Ар абыхэм я щхьэщ.
Фи фӀэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ, зывгъэунэхуж. Хьисэ Мэссихь фи псэм зэрыщыщыр фи щхьэкӀэ фщӀэркъэ? Апхуэдэу мыхъумэ, фызэрыщытын хуейм хуэдэу фыщымыту арщ.
Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр къехъумэ Абы и мелыӀычым, яхешыж къиныгъэу яӀэм.
Ауэ Уэращ, Зиусхьэн, мэӀуу сыкъэзыхъумэр, текӀуэныгъэр сэзыгъэгъуэту, си щхьэр лъагэу сэзыгъэӀэтыр.
Зиусхьэным фыфӀэлӀыкӀыурэ фыхуэлажьэ, фи гур къилъэту фыгуфӀэ*.
Зиусхьэн! Сыту куэд зэрыгъэхъуа си бийхэр! Сагъэбийуэ, куэдым зыкъыспаӀэт.
Хьэдрыхэ лъахъэм зыкъызашэкӀащ, сихуащ ажалым и хъым.