1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. ШыкӀэ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд
Гъунэгъу дыдэ къытхуэхъуа лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжащ абы икӀи дяпэкӀэ дыкъыӀэщӀихышыжынущ. Фэ Тхьэм фызэрелъэӀумкӀэ фыкъыддэӀэпыкъуурэ, Тхьэм аргуэруи лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжыну дыщогугъ.
Хьэдрыхэ лъахъэм зыкъызашэкӀащ, сихуащ ажалым и хъым.
Езыращ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэзыщӀыр, быдапӀэу икӀи хъумапӀэу сиӀэр, сыхэзышыжыр, мэӀу къысхуэхъур, щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр; цӀыху лъэпкъхэр схуэӀурыщӀэну Абы си Ӏэ кърелъхьэ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Даут и уэрэд
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм папщӀэ. «Аламот» и макъамэм тегъэпсыхьащ
Зиусхьэныр си Ӏэхъуэщ, сэ зыми сыхуэныкъуэнкъым.
Асие хэкум дызыщыхэта гузэвэгъуэм и хъыбарыр фэдгъэщӀэн хуейуэ долъытэ. Псэууэ дыкъелыну дымыгугъэжу, тшэчыфынум и лейуэ гузэвэгъуэшхуэ дыдэм дыхэтащ.
Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Пшынауэ пашэ Эдутун папщӀэ. Асаф и уэрэд
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Уэ, си Тхьэ, си Ӏуэху къызэхэху, фӀэлӀыкӀ къыпхузимыӀэ цӀыху лъэпкъым сыщыпхъумэурэ, сызэрыхейр ӀупщӀ щӀы. Хьилагъэ зезыхьэ цӀыхухэм, мызахуэхэм саӀэщӀэхыж.
«Акъыл уэзгъэщӀэнщ, гъуэгуу узэрыкӀуэнур уэзгъэщӀэнщ, къыбгурызгъэӀуэнщ, си нэӀэ птезгъэтурэ».
Уи щыпкъагъэм и гъуэгум сытегъэуви, сыщыгъасэ, Уэращ Тхьэуэ сыкъезыгъэлыр; Махуэ еным сыпщогугъ.
Зиусхьэным и псалъэхэр псалъэ къабзэщ, кӀыщ мафӀэм блэнейрэ щагъэткӀуу щагъэкъэбза дыжьыным хуэдэщ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Шаул зыфӀигъэпщкӀуэрэ, бгъуэнщӀагъым щӀыхьауэ, Даут иуса уэрэд
Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щытхъу хуэсщӀынщ ыджыри, – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. ШыкӀэ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд