6 Зиусхьэну си Тхьэ, уи Ӏуэху гъэщӀэгъуэнхэри, дэркӀэ уи гухэлъхэри бэщ; хэт хъун Уэр хуэдэ! Абыхэм я хъыбар цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн сфӀэигъуэщ, ауэ гъунэншэщ я бжыгъэр.
Ауэ щыхъукӀи, пщэдей къэхъунур фщӀэркъым. Фи гъащӀэр сыт хуэдэ? Зы тӀэкӀурэ къэлъагъуэу, итӀанэ кӀуэдыж бахъэм фыхуэдэщ.
мы дунейм и хуэӀуэхущӀэхэр а Ӏуэхухэм хэмытыщэм хуэдэ ирехъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и щытыкӀэм зызэблихъуурэ и кӀэм нос.
Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлӀэ, абы и нэӀэ къыфтригъэтщи.
Фэри фшхынумрэ фызэфэнумрэ я ужь фимыт икӀи абыхэм фримыгумэщӀ.
Уи Ӏэм къалэжыр пшхыжынщ; унасыпыфӀэщ, фӀыгъуэр ууейщ уэ!
Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ЦӀыху псори удзым хуэдэщ, я щӀыхь псори удз гъэгъам хуэдэщ. Удзыр мэгъуж, гъэгъари мэкӀуэдыж.
Фи дыщэри фи дыжьынри улъиящ. Ахэр зэрыулъияр щыхьатщ фэ фызэрыкъуаншэмкӀэ, абы фи пкъыр текӀуэдэжынущ, мафӀэм зэригъэкӀуэдынум хуэдэу. Мы дунейм иужьырей махуэхэм мылъку зэщыхуэфлъэсащ.
Зы щӀэблэм адрей щӀэблэм хуиӀуэтэжынщ Уэ уи ӀэщӀагъэхэм я щӀыхьыр; уи Ӏуэхушхуэ гъэщӀэгъуэнхэм я хъыбар зэлъащӀысынщ.
Апхуэдэ мащӀэ тӀэкӀур щыфхузэфӀэмыкӀкӀэ, адрей къэна псом щхьэкӀэ сыт фыщӀэгузавэр?