6 Аращ, бжьизым хуэдэу, махуэхэр Уэ къызэптащ, УэркӀэ си гъащӀэр щымыӀагъэххэм хуэдэщ. Щыпкъэ дыдэу, дунейм тет дэтхэнэ цӀыхури зы жьыкъэшэгъуэ къудейщ.
Уэ Тхьэ, дэ зэхэтхащ ди тхьэкӀумэкӀэ, ди адэхэм пасэ зэманым Уэ бгъэхъахэр къытхуаӀуэтэжащ дэ.
Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
Зиусхьэн, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ ди Тхьэ! Хэт Уэ пхуэдэу гуащӀащафӀэр, Зиусхьэн? Щыпкъагъэр Уэ къощӀэкӀащ лъэныкъуэ псомкӀи.
я нэхъ ущхъухьэкӀуэ Ӏэзэм и макъи зэхэзымых блэ дэгуу зи тхьэкӀумэ зэхуэзыщӀам хуэдэщ.
ЦӀыху бзаджэм къиныгъэр къобэкӀ, ауэ Зиусхьэным щыгугъым фӀыгъуэр къещӀэкӀащ.
Сыту жыпӀэмэ ажал зыгъуэтам игу Уэ укъэкӀыжынукъым: хьэдрыхэ щыӀэу уи щӀыхьыр хэт яхуэзыӀуэтэнур?