11 Уи удынхэр къыстумыгъэхуэж, секӀуэдылӀащи сызэрыбгъэпшынэ Ӏэм.
Зиусхьэныр фигу илъу фыгуфӀэ, фыгуфӀэ щыпкъагъэ зиӀэхэр; гуфӀэгъуэшхуэм фыхэту, зигукӀэ захуагъэ зиӀэ псоми Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ макъ ӀэтакӀэ!
Хьисэ и ныбжьэгъу псори, езым и гъусэу Галилейм къикӀа цӀыхубзхэри абыхэм яхэту, жыжьэу къыщыту къэхъуам еплъырт.
сыту жыпӀэмэ абыхэм я щӀыхьи я гуащӀи къыздикӀыр уи дежщ. УкъызэрытхуэфӀым и фӀыгъэкӀэ ди гуащӀэм къыхохъуэ.
– Мис, фэ фызэбгрыкӀыжу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и унэм щигъэзэжыну сыхьэтыр къос икӀи къэсакӀэщ. Сэ си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, Адэ лъапӀэр си гъусэщ.
Хьисэ яубыдщ, Ӏуашри, дин пашэшхуэм и унэм щӀашащ. Петр жыжьэу якӀэлъыкӀуэтащ.
Ауэ мы псори къыщӀэхъуар бегъымбархэм ятхар пэж хъун щхьэкӀэщ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абы щӀыгъуэ.