7 СызэфӀэщӀауэ, сиӀу егъэзыхауэ сыщылъщ, махуэ псом сотхьэусыхэ.
ЩӀыхь пхуэсщӀынщ сыпсэуху, сынолъэӀуурэ, си Ӏэхэр сӀэтынущ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Иудэ къум нэщӀым щыӀэу, Даут жиӀа уэрэд
ФӀы щӀэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демыщу. ФӀы щӀэным демыщэу дыхущӀэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фӀыгъуэ дгъуэтынущ.
Аращ Уэ пфӀэигъуэр, цӀыхум игу илъыну щыпкъагъэр, Аращи, акъылыфӀагъэм и щэхухэр сыгъащӀэ.