5 Сыту жыпӀэмэ си бзаджэщӀагъэхэр къызолъэгэкӀ, хьэлъащэ къыстехъуащ;
Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлӀэ, абы и нэӀэ къыфтригъэтщи.
– Аращи, нывжызоӀэ, «Сыт тшхыну, сыт дефэну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ. Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэкъэ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэкъэ?
Аращи, апхуэдэу жывмыӀэу, мыпхуэдэу жыфӀэн хуейщ: «Зиусхьэныр хуеймэ, дыпсэунущ, мыр е мор тщӀэнущ».
– Аращи, нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – «Сыт тшхыну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фи Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ.
ЖиӀащ абдеж: – Зиусхьэн, си тепщэ Ибрэхьим и Тхьэ! Нобэ си Ӏуэху къигъэкӀ, фӀы къыхуэщӀэ си тепщэ Ибрэхьим.