3 Бжыри уэщри къэӀэти, сыкъезыхуэкӀхэм ебэн; си псэм къыжеӀэ: «Сэращ ухэзышыжынур!»
Мэрием жиӀащ итӀанэ: «Зиусхьэным и инагъым гурэ псэкӀэ фӀыщӀэшхуэ хузощӀ.
Тхьэм и нэфӀ къытщрехуэ, щӀыгум дэнэкӀи щыпсэу цӀыхухэм Абы фӀэлӀыкӀ хурыреӀэ!
МакъышхуэкӀэ жиӀащ: – Тхьэм фыщышынэ, щӀыхьышхуэри хуэфщӀ, Тхьэм цӀыху псоми я хьэкумыр щатрищӀыхьыну сыхьэтыр къэсащи. Уафэри, щӀыри, хыри, псынащхьэхэри къэзыгъэщӀар вгъэлъапӀэ.
Мы хъыбарыр Ефес къалэм дэс алыджхэми журтхэми щызэхахым, псори шынагъуэшхуэм хэхуащ. Апхуэдэу щыхъум, Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм щӀыхьышхуэ хуащӀу щӀадзащ.
СыщӀэукӀытэжын лъэпкъ щымыӀэу, иджыри, сыт щыгъуи, сыпсэуми, сылӀэми, сипкъкӀэ сыгушхуэу Мэссихь зэпымыууэ зэрызгъэлъэпӀэным сыщӀохъуэпс икӀи сыщогугъ.