4 ФысщӀыгъуу вгъэлъапӀэ Зиусхьэныр, и цӀэр лъапӀэу къэдвгъэӀэт дызэгъусэу.
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым сыщогугъ сэ; сымыкӀуэдыну Уэ сыкъызэребгъэлынур си гуфӀэгъуэщ; си Зиусхьэну фӀыкӀэ къысхущытым сэ щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.
МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ.
Языныкъуэхэр зыщотхъуж хьэрыгъажэхэмкӀэ, языныкъуэр – шыхэмкӀэ, дэ Зиусхьэну ди Тхьэм и цӀэм щӀыхь худощӀ.
Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.
Апхуэдэу, Торэт хабзэр лъапӀэщ, унафэри лъапӀэщ, икӀи захуэщ, икӀи фӀыщ.
Мыр жиӀэри: – ЩӀыхьышхуэр ейщ Зиусхьэну Ибрэхьим и Тхьэм, и фӀыгъуэрэ и пэжыгъэрэ си тепщэр хэзымыгъэнам, – жиӀащ абы. – Зиусхьэным гъуэгу занщӀэкӀэ сыкъыхуишащ си тепщэм и Ӏыхьлыхэм я унэм.
ер зылэжьу, зи Ӏэ ижьым Ӏулъхьэр из зыщӀахэм.