2 Сыт хуэдэ уахътыи щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным; Абы и щӀыхьыр си бзэгу телъ зэпытынщ.
Псоми яхуэфӀщ Зиусхьэныр, Абы къигъэщӀа псоми яхуещӀ гущӀэгъу.
Псыдзэ куэдым я макъышхуэмрэ уафэгъуагъуэшхуэм и макъышхуэмрэ хуэдэу макъ гуэр уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ. Макъышхуэу зэхэсхар шыкӀэ пшынэхэм я макъым хуэдэт.
Ар къыщыӀихым, псэущхьиплӀымрэ цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ хъу тхьэмадэ нэхъыжьхэмрэ Щынэм и пащхьэм зыщрадзыхащ. ШыкӀэ пшынэм хуэдэ пшынэ лӀэужьыгъуэ гуэр иӀыгът хэти икӀи дыщэм къыхэщӀыкӀауэ, мэ ӀэфӀ зыпих удзхэр зэрыт фалъэхэр яӀыгът. А удзхэм япих мэ ӀэфӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀухэр арщ.
Я макъым заӀэт, Зиусхьэн, псыхэм я макъым заӀэт, псыхэм я уалъэ макъым заӀэт.
Абы щӀыхь хуэфщӀын папщӀэ фыкъафэ; уэрэд хужыфӀэ тимпанрэ пшынэдыкъуэкъуэкӀэ.
Ауэ псыбэм я къибыргъукӀ макъ нэхъри, толъкъунхэм я макъ нэхъри, Зиусхьэныр лъагапӀэм щынэхъ лъэщщ.