6 Зиусхьэным езым и псалъэкӀэ уафэгухэр къигъэщӀащ, и унафэкӀэ – уэгум къыщынэхухэр.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм яхэтщ: «Игъуэу щыслъыта махуэм узэхэсхащ, цӀыхухэр мыкӀуэду къыщезгъэл махуэми дэӀэпыкъуэгъу сыпхуэхъуащ». Мис иджыщ Тхьэм игъуэу илъытэ зэманри цӀыхухэр мыкӀуэду абы къыщригъэлыну махуэри.
Фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ сыкъэвгъуэтынукъым, сэ сыздэщыӀэми фэ фыкӀуэфынукъым.
Фэ, зыкъызыфӀэщӀыжхэм, си щӀыхьыр сыт хуэдизрэ вгъэпудыну? Ӏуэху пщӀэншэхэм зыдевгъэхьэхыу, пцӀым сыт хуэдизрэ фыхэтыну?
Уэ зыхуэдэ щымыӀэу пхэлъ фӀыгъэшхуэр цӀыхухэм ягъэӀунщ, Уэ щыпкъагъэу пхэлъри уэрэду жаӀэнщ.
Зиусхьэным ар къихъумэнщ, псэууэ къигъэнэнщ. ЩӀыгум ар щынасыпыфӀэнщ. И бийхэм я Ӏэ ирилъхьэнкъым ар.
Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэр мыхэращ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псэукӀэми, мы дунейм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми ди щӀыб яхуэдгъэзэныр, гулъытэрэ щыпкъагъэрэ диӀэу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, мы зэманым дыпсэуныр.
Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ. Тхьэм ди гу зэрегъэзагъэм хуэдабзэу, сыт хуэдэ гузэвэгъуэм хэт цӀыхухэм ягу дгъэзэгъэн тлъэкӀынущ дэри.
Ауэ Хьисэ Мэссихь псоми япэ сэ гущӀэгъу къыщӀысхуищӀар ар къызэрысхущытымкӀэ и шыӀэныгъэшхуэр здынэсыр къигъэлъэгъуэн икӀи езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъун цӀыхуу, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм щапхъэ сахуэхъун щхьэкӀэщ.
ЦӀыху гукъэкӀыншэм ищӀэнкъым, зи гулъытэ мащӀэми ар къыгурыӀуэнкъым.