11 Зиусхьэным къиухэсар игъащӀэкӀэ щыӀэнущ; и гупсысэхэри лӀэужь псоми ядызекӀуэнущ.
Уэ щӀыгум ухуогумащӀэ, зыхуэныкъуэр ибогъэгъуэт, и мылъкум жумарту хыбогъахъуэ. Тхьэм и псыхъуэм псыр дэзщ; Гъавэ щыбогъэкӀ, апхуэдэу псори бгъэпсащи;
Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ, фыгуфӀэ.
ХужыфӀэ Зиусхьэным уэрэдыщӀэ; гъэщӀэгъуэныщэщ Абы и ӀэщӀагъэхэр. И Ӏэ ижьымрэ и лъэкӀыныгъэ лъапӀэмрэ текӀуэныгъэр Абы къыхудахащ.
Я къуаншагъэм ирехьыж ахэр, си Тхьэ, я гухэлъ бзаджэхэм трекӀуэдэж; гуэныхьу ящӀар бэщ, зыкъыпхуаӀэтащи, уи пащхьэ иумыгъэт ахэр.
Шэд куум сыхэнащ сэ, сызытеувэни симыӀэу, архъуанэм сизэрыхьащ сэ, срехьэжьэ псыдзэшхуэм.
И акъыл имытыж хуэдэу Абимэлэк и пащхьэм зыкъыщищӀри, абы деж кърахуу щыхыхьэжым, Даут иуса уэрэд.
Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.
ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ фыгуфӀэ. А Ӏуэху дыдэхэр аргуэру ныфхуэстхыжыну сэркӀэ гугъукъым, ахэр зэрыстхми и фӀагъ къывэкӀынущ.
ДымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлыну къудейркъым – ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь Тхьэм дыщегъэгуфӀыкӀ. Мэссихьщ Тхьэм дезыгъэкӀужар.
ГъэрыпӀэм къишыжи, Зиусхьэн, къегъэгъэзэж ди цӀыхухэм – псыхъуэ нэщӀхэм псыр къызэрыдэпшэжым хуэдэу.
ШыкӀэ пшынэкӀэ щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, уэрэд хужыфӀэ бзэпсипщӀ зытелъ пшынэ дыкъуакъуэкӀэ.
БзаджащӀэхэм я гужьгъэжьыр еудых, щыпкъагъэ зиӀэр гъэбыдэ: Уэращ цӀыхухэм ягури я фэри зыгъэунэхур, Тхьэ захуэ!
ЛъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Пащтыхьу тэрэзыныгъэр зи щӀасэ, Уэ захуагъэр бгъэпсащ: Захуагъэмрэ щыпкъагъэмрэ Израилым щыбгъэуващ.