10 Зиусхьэным хамэ лъэпкъхэм къаухэсыр зэхекъутэ, зэхекъутэ цӀыху лъэпкъхэм я гухэлъхэр.
Ди Зиусхьэныр ин дыдэщ, ин дыдэщ Абы и гуащӀэри, Абы и акъылри гъунэншэщ.
Ажалыр къахурес абыхэм уащхъуэдэмыщхъуэу; сэр папщӀэ щӀауфа хъым езыхэр ирехуэж; ирехуэж абы икӀуэдэну.
ЩхьэегъэзыпӀэ Уэ узыщӀ псори ирегуфӀэ, гуфӀэгъуэшхуэм игъащӀэкӀэ хэту уэрэд жреӀэ. Къэхъумэ Уэ ахэр; ЩӀыхь къыпхуащӀынщ уи цӀэр зыгъэлъапӀэхэм.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ.
Щыпкъагъэр щӀым къыхэкӀынщ, Тхьэм и щыпкъагъэр уафэм къеплъыхынщ.
ЦӀыхухэм сыт хуэдэ бзаджагъэ ящӀами, уи жьэ къыжьэдэкӀ псалъэхэм сытемыкӀыу, залымыгъэ зезыхьэхэм я гъуэгум пэӀэщӀэ зысщӀащ.
Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.
Узым щиубыдкӀэ, гуащӀэ къритынщ Зиусхьэным. Сымаджэ хъумэ, Абы игъэхъужынщ.
«ТхьэмыщкӀэхэм къину ялъагъум, зыри зимыӀэм я тхьэусыхэм папщӀэ иджы зыкъэсӀэтыжынщ, – жеӀэ Зиусхьэным, – зэрафӀэигъуэм хуэдэу, шынагъуэ ямыӀэу згъэпсэунщ».