1 Зиусхьэным гуфӀэгъуэ хэвгъуатэ Тхьэм хуэщыпкъэхэм; зигукӀэ захуэхэм щӀыхь ящӀыныр къокӀу.
Си псэр къегъэл, сыту жыпӀэмэ фӀэлӀыкӀ ныпхузиӀэщ; къегъэл мыкӀуэду уи ӀурыщӀэуэ къыпщыгугъыр, си Тхьэ.
– ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт жыгым къыпыкӀэм щыщ яшхыну икӀи къалэм куэбжэмкӀэ дыхьэну хуит хъун щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэр гъуэгу махуэ теуващ.
Узым щиубыдкӀэ, гуащӀэ къритынщ Зиусхьэным. Сымаджэ хъумэ, Абы игъэхъужынщ.
хамэ хэкухэм къришыжахэм; къуэкӀыпӀэмкӀи, къухьэпӀэмкӀи, темырымкӀи, ипщэмкӀи къыщыщӀэдзауэ.
– Пэжщ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащӀэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ.
УэрэдыӀуэхэм пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ Бзэпс зэрылъ ӀэмэпсымэхэмкӀэ ягъэӀу
Уэ, си Тхьэ, си Ӏуэху къызэхэху, фӀэлӀыкӀ къыпхузимыӀэ цӀыху лъэпкъым сыщыпхъумэурэ, сызэрыхейр ӀупщӀ щӀы. Хьилагъэ зезыхьэ цӀыхухэм, мызахуэхэм саӀэщӀэхыж.
– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.
Израил цӀыхухэм жреӀэ: «Израил икъежьапӀэ зэрызэфӀэувэ лъандэрэ куэдрэ дыкърахуэкӀащ,
Гугъуехь дыщыхэбгъэхуа махуэхэм пэкӀуэу гукъыдэж къыдэтыж – тхьэмыщкӀагъэ щытлъэгъуа илъэсхэм папщӀэ.
Щыпкъагъэр щӀым къыхэкӀынщ, Тхьэм и щыпкъагъэр уафэм къеплъыхынщ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и акъылыфӀагъэ уэрэд
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм папщӀэ. «Аламот» и макъамэм тегъэпсыхьащ
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Мэкъамэр: «Жыгей мэзым хэс тхьэрыкъуэ анэр». Филиштхэм Гат къалэм щыщаубыдым, Даут иуса уэрэд
псы щӀыӀум уи псэупӀэ щыбогъэув, пшэхэр уи хьэрыгъажэщ, жьыбгъэ дамэхэмкӀэ къыбокӀухь Уэ.