6 Абы папщӀэ, игъуэм деж, Тхьэм фӀэлӀыкӀ хузиӀэ дэтхэнэри кърелъэӀу, абы щыгъуэ, псышхуэхэр къыщиукӀэ, ахэр абы къылъэӀэсынкъым.
Сыгъэлъагъу, Зиусхьэн, уи гъуэгухэр, сащыгъэгъуазэ уи лъагъуэхэм.
Хьэуэ, ар жысӀэркъым. Ауэ хамэ лъэпкъхэм къурмэн щащӀкӀэ, жин бзаджэхэрщ къурмэн зыхуащӀыр, Тхьэр аркъым. Фэ жин бзаджэхэм гъусэ фахуэхъуну сыхуейкъым.
Аращи, тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: А тхьэ нэпцӀхэр дунейм зэрытемытри, зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ тхьэ зэрыщымыӀэри дощӀэ.
Сыту жыпӀэмэ махуаем щхьэегъэзыпӀэ схуэхъунурэ, сыщихъумэнщ, и шэтырым сыщӀигъэпщкӀуэнщ, абрэмывэм сыдрихьеинщ шынагъуэншэу.
Тхьэр ящӀэу щыт пэтми, Тхьэм хуэфащэ лъытэныгъэри щӀыхьышхуэри хуащӀакъым. Ауэ я гупсысэхэр пщӀэншэ хъуащ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ ягухэри кӀыфӀу къэнащ.
Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Псылъэхэм хуэм-хуэмурэ къифхи, хьэгъуэлӀыгъуэм и тхьэмадэм зэфэн хуэфхь. Апхуэдэуи ящӀащ.
Абыхэм ягукӀэ бзаджагъэ къагупсыс; махуэ къэс зэщыхьэнхэу, цӀыхухэр зэщӀагъаплъэ.