3 Си гуэныхьыр зэрызущэхуам махуэ енкӀэ сигъэщэӀуурэ си къупщхьэр щыным нэсащ.
лӀэныгъэм и шынагъуэм хэтхэмрэ кӀыфӀыгъэм хэтхэмрэ ятепсэн икӀи мамырыгъэ гъуэгум дытригъэхьэн щхьэкӀэ».
Мысырым санащхьэ бжьалэр къипхащ, цӀыху лъэпкъхэр ипхури, ар хэпсащ;
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр къыщыкӀуэкӀэ, щыпкъагъэ псори зэхывигъэщӀыкӀынущ. Езыр-езыру зыри жиӀэнукъым, Тхьэм жиӀэу зэхихыращ жиӀэнур, къэхъункъэщӀэнухэри къыфхуиӀуэтэнущ.
Хамэ лъэпкъхэр ипхуащ уи ӀэкӀэ, абыхэм я хэкум ди адэжьхэр ибгъэтӀысхьащ; хамэ лъэпкъхэр бгъэунэхъуащ, ауэ ди адэжьхэр бгъэунащ.
Сэ сызэрыкъабзэу сопсэу; сыхэшыж, гущӀэгъу къысхуэщӀ.
БзаджащӀэхэм я гупыр слъагъу хъуркъым, цӀыху щӀэпхъаджэхэми гъусэ сахуэхъуркъым.
Си псэр ядыхомых гуэныхьыщӀэхэм, лъым щӀэнэцӀхэм садомыгъэкӀуэд –
Тхьэм и щӀыхьыр яӀэт уафэхэм, и ӀэщӀагъэм и хъыбар еӀуатэ уафэлъащӀэм.
Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, Мэссихь щыгугъыу япэ пэплъэхэм, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэщ.
ЩыпкъагъэкӀэ псэу лъэпкъхэм бгыхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ берычэтыр къахурехь.
Абы уэ бзаджагъэу пщӀа псори къыпхуегъэгъу, уи узыфэ псори Абы егъэхъуж;
Сыту жыпӀэмэ ин дыдэщ Абы дэ къытхуиӀэ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр, Абы къытхуиӀэ щыпкъагъэр мыкӀуэдыжынщ. ЩӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным.